Firo maanaaji al-quraan tedduɗo oo - Eggo ngoo e ɗemngal Sharkeese - Ñiiɓirde Ruwwad ngam Eggude.

Ал-Бэкъэрэ

external-link copy
1 : 2

الٓمٓ

Ӏэлиф, лам, мим.[1] info

[1] Мы хьэрыфхэр КъурIэным и сурэ зыбжанэр къызэрыщIидзэщ, ахэр хьэрыф зэпыудахэщ, алфавитым щыщщ, мыхьэнэ яIэкъым зырызу щхьэхуэу къакIуэхэмэ мыпхуэдэу: Iэлиф, ба, та... Ауэ ахэр мыхьэнэ гуэрым щхьэкIэ къэкIуахэщ, сыту жыпIэмэ, КъурIэным иткъыми мыхьэнэ зимыIэ. Ахэр къыщIэкIуам и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэм щыщщ мы КъурIэным хуэдэ зыми къызэримыхьыфынур, ар а хьэрыф дыдэхэкIэ зэхэгъува щхьэкIэ, а хьэрыфхэр ящIэ икIи ирипсалъэхэ щхьэкIэ. Абы къыхэкIыу, инэхъыбэм апхуэдэ хьэрыфхэр къэкIуа иужькIэ КъурIэн лъапIэм и гугъу ещIыр мы сурэм къызэрыкIуам хуэдэу.

التفاسير:

external-link copy
2 : 2

ذَٰلِكَ ٱلۡكِتَٰبُ لَا رَيۡبَۛ فِيهِۛ هُدٗى لِّلۡمُتَّقِينَ

Мы Тхылъыр шэч зыхэмылъщ,
тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр гъуэгу занщIэм хуэзышэщ.
info
التفاسير:

external-link copy
3 : 2

ٱلَّذِينَ يُؤۡمِنُونَ بِٱلۡغَيۡبِ وَيُقِيمُونَ ٱلصَّلَوٰةَ وَمِمَّا رَزَقۡنَٰهُمۡ يُنفِقُونَ

Ущэхуар зи фӀэщ хъухэр, нэмэз зыщӀхэр, мылъкуу яттам щыщ хэзытыкIхэр, info
التفاسير:

external-link copy
4 : 2

وَٱلَّذِينَ يُؤۡمِنُونَ بِمَآ أُنزِلَ إِلَيۡكَ وَمَآ أُنزِلَ مِن قَبۡلِكَ وَبِٱلۡأٓخِرَةِ هُمۡ يُوقِنُونَ

абыхэм я фIэщ мэхъур уэ ныпхуехари, уи япэкӀэ нахуехари, ахърэтри быдэу я фIэщ мэхъур, info
التفاسير:

external-link copy
5 : 2

أُوْلَٰٓئِكَ عَلَىٰ هُدٗى مِّن رَّبِّهِمۡۖ وَأُوْلَٰٓئِكَ هُمُ ٱلۡمُفۡلِحُونَ

ахэр Тхьэм и гъуэгум тетщ икӀи ахэр ехъулӀахэщ. info
التفاسير: