ការបកប្រែអត្ថន័យគួរអាន - ការបកប្រែជាភាសាស៊ឺក - មជ្ឈមណ្ឌលបកប្រែរ៉ូវ៉ាទ

លេខ​ទំព័រ:close

external-link copy
216 : 2

كُتِبَ عَلَيۡكُمُ ٱلۡقِتَالُ وَهُوَ كُرۡهٞ لَّكُمۡۖ وَعَسَىٰٓ أَن تَكۡرَهُواْ شَيۡـٔٗا وَهُوَ خَيۡرٞ لَّكُمۡۖ وَعَسَىٰٓ أَن تُحِبُّواْ شَيۡـٔٗا وَهُوَ شَرّٞ لَّكُمۡۚ وَٱللَّهُ يَعۡلَمُ وَأَنتُمۡ لَا تَعۡلَمُونَ

Зауэр къыфтетхащ, ауэ фигу хуэкIуэкъым абы, ауэ зыгуэр фигу ебгъауэ и фIыгъуэр къывэкIункIэ мэхъу, е зыгуэр фIыуэ флъагъуу и Iейр къыфтехуэнкIэ мэхъу, Алыхьым ещIэ, ауэ фэ фщIэркъым. info
التفاسير:

external-link copy
217 : 2

يَسۡـَٔلُونَكَ عَنِ ٱلشَّهۡرِ ٱلۡحَرَامِ قِتَالٖ فِيهِۖ قُلۡ قِتَالٞ فِيهِ كَبِيرٞۚ وَصَدٌّ عَن سَبِيلِ ٱللَّهِ وَكُفۡرُۢ بِهِۦ وَٱلۡمَسۡجِدِ ٱلۡحَرَامِ وَإِخۡرَاجُ أَهۡلِهِۦ مِنۡهُ أَكۡبَرُ عِندَ ٱللَّهِۚ وَٱلۡفِتۡنَةُ أَكۡبَرُ مِنَ ٱلۡقَتۡلِۗ وَلَا يَزَالُونَ يُقَٰتِلُونَكُمۡ حَتَّىٰ يَرُدُّوكُمۡ عَن دِينِكُمۡ إِنِ ٱسۡتَطَٰعُواْۚ وَمَن يَرۡتَدِدۡ مِنكُمۡ عَن دِينِهِۦ فَيَمُتۡ وَهُوَ كَافِرٞ فَأُوْلَٰٓئِكَ حَبِطَتۡ أَعۡمَٰلُهُمۡ فِي ٱلدُّنۡيَا وَٱلۡأٓخِرَةِۖ وَأُوْلَٰٓئِكَ أَصۡحَٰبُ ٱلنَّارِۖ هُمۡ فِيهَا خَٰلِدُونَ

КъыщIоупщIэхэр мазэ лъапIэхэм узауэ хъунумэ, яжеIэ: "Абыхэм ущызэуэныр Iуэхушхуэщ, ауэ Алыхьым и гъуэгум тетхэм уапэувыныр, джауру ущытыныр, мэжджыт лъапIэм и щIылъэм щыпсэухэр къыдэпхуныр нэхъ иныжу щытщ Алыхьым и пащхьэ, мыхъумыщIагъэри нэхъ хуабжьщ зауэм нэхърэ. Абыхэм щагъэтынукъым къывэзэуэну фи диным фрамыгъэкIыху яхузэфIэкIмэ, фщыщ гуэрхэр и диным икIыу лIамэ джауру, абыхэм я Iуэхухэр хэкIуэдащ мы дунейми ахърэтми, ахэр мафIэм хыхьэнухэщ, абыи игъащIэкIэ къыхэнэнущ". info
التفاسير:

external-link copy
218 : 2

إِنَّ ٱلَّذِينَ ءَامَنُواْ وَٱلَّذِينَ هَاجَرُواْ وَجَٰهَدُواْ فِي سَبِيلِ ٱللَّهِ أُوْلَٰٓئِكَ يَرۡجُونَ رَحۡمَتَ ٱللَّهِۚ وَٱللَّهُ غَفُورٞ رَّحِيمٞ

Iиман къэзыхьахэр, зи хэку икIыжахэр, Алыхьым и цIэкIэ зауэхэр, ахэр Алыхьым и гущIэгъум щогугъхэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ. info
التفاسير:

external-link copy
219 : 2

۞ يَسۡـَٔلُونَكَ عَنِ ٱلۡخَمۡرِ وَٱلۡمَيۡسِرِۖ قُلۡ فِيهِمَآ إِثۡمٞ كَبِيرٞ وَمَنَٰفِعُ لِلنَّاسِ وَإِثۡمُهُمَآ أَكۡبَرُ مِن نَّفۡعِهِمَاۗ وَيَسۡـَٔلُونَكَ مَاذَا يُنفِقُونَۖ قُلِ ٱلۡعَفۡوَۗ كَذَٰلِكَ يُبَيِّنُ ٱللَّهُ لَكُمُ ٱلۡأٓيَٰتِ لَعَلَّكُمۡ تَتَفَكَّرُونَ

Фадэмрэ удезыхьэх джэгукIэхэмрэ ахэр щIоупщIэхэр, яжеIэ: "Абыхэм гуэныхьышхуи хэлъщ, федэи цIыхухэм къыхах, ауэ гуэныхьу хэлъыр нэхъыбэщ я федэм нэхърэ". КъыщIоупщIэхэр сыт ятынумэ, яжеIэ: "Лейуэ фиIэращ". Апхуэдэу Алыхьым нэщэнэхэр нахуэ фхуещI, зыгуэрым фегупсысын папщIэ. info
التفاسير: