ការបកប្រែអត្ថន័យគួរអាន - ការបកប្រែជាភាសាស៊ឺក - មជ្ឈមណ្ឌលបកប្រែរ៉ូវ៉ាទ

លេខ​ទំព័រ:close

external-link copy
283 : 2

۞ وَإِن كُنتُمۡ عَلَىٰ سَفَرٖ وَلَمۡ تَجِدُواْ كَاتِبٗا فَرِهَٰنٞ مَّقۡبُوضَةٞۖ فَإِنۡ أَمِنَ بَعۡضُكُم بَعۡضٗا فَلۡيُؤَدِّ ٱلَّذِي ٱؤۡتُمِنَ أَمَٰنَتَهُۥ وَلۡيَتَّقِ ٱللَّهَ رَبَّهُۥۗ وَلَا تَكۡتُمُواْ ٱلشَّهَٰدَةَۚ وَمَن يَكۡتُمۡهَا فَإِنَّهُۥٓ ءَاثِمٞ قَلۡبُهُۥۗ وَٱللَّهُ بِمَا تَعۡمَلُونَ عَلِيمٞ

Гъуэгум фытету зытхын фымыгъуэтмэ, шэсу зыгуэр къафщтэ. Ауэ зым адрейм дзыхь хуэфщIмэ, дзыхь зыхуащIам телъыр ирегъэзащIэ Алыхьу и Тхьэми щрешынэ. Щыхьэтри фымыущэху, ар зыущэхум и гум гуэныхь телъщ, фщIэхэри Алыхьым ещIэр. info
التفاسير:

external-link copy
284 : 2

لِّلَّهِ مَا فِي ٱلسَّمَٰوَٰتِ وَمَا فِي ٱلۡأَرۡضِۗ وَإِن تُبۡدُواْ مَا فِيٓ أَنفُسِكُمۡ أَوۡ تُخۡفُوهُ يُحَاسِبۡكُم بِهِ ٱللَّهُۖ فَيَغۡفِرُ لِمَن يَشَآءُ وَيُعَذِّبُ مَن يَشَآءُۗ وَٱللَّهُ عَلَىٰ كُلِّ شَيۡءٖ قَدِيرٌ

Алыхьым ейщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, фигу илъыр нахуэ фщIами, фыущэхуами Алыхьыр абыкIэ къывэупщIыжынущ. Зыхуейм хуигъэгъунущ, зыхуейм хьэзаб трилъхьэнущ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр. info
التفاسير:

external-link copy
285 : 2

ءَامَنَ ٱلرَّسُولُ بِمَآ أُنزِلَ إِلَيۡهِ مِن رَّبِّهِۦ وَٱلۡمُؤۡمِنُونَۚ كُلٌّ ءَامَنَ بِٱللَّهِ وَمَلَٰٓئِكَتِهِۦ وَكُتُبِهِۦ وَرُسُلِهِۦ لَا نُفَرِّقُ بَيۡنَ أَحَدٖ مِّن رُّسُلِهِۦۚ وَقَالُواْ سَمِعۡنَا وَأَطَعۡنَاۖ غُفۡرَانَكَ رَبَّنَا وَإِلَيۡكَ ٱلۡمَصِيرُ

ЛIыкIуэми мыIуминхэми я фIэщ хъуащ и Тхьэм къыхуригъэхар, псоми я фIэщ хъуащ Алыхьри, Абы и мелыIычхэри, и Тхылъхэри, и лIыкIуэхэри. И лIыкIуэхэм щыщу зыри зэхэдз тщIыкъым. ЖаIащ: "Зэхэтхащ икIи дожыIэщIэр. Уэ ди Тхьэ, Уи гъэгъуныгъэращ дызыщIэлъэIур, Уи дежи дгъэзэжынущ". info
التفاسير:

external-link copy
286 : 2

لَا يُكَلِّفُ ٱللَّهُ نَفۡسًا إِلَّا وُسۡعَهَاۚ لَهَا مَا كَسَبَتۡ وَعَلَيۡهَا مَا ٱكۡتَسَبَتۡۗ رَبَّنَا لَا تُؤَاخِذۡنَآ إِن نَّسِينَآ أَوۡ أَخۡطَأۡنَاۚ رَبَّنَا وَلَا تَحۡمِلۡ عَلَيۡنَآ إِصۡرٗا كَمَا حَمَلۡتَهُۥ عَلَى ٱلَّذِينَ مِن قَبۡلِنَاۚ رَبَّنَا وَلَا تُحَمِّلۡنَا مَا لَا طَاقَةَ لَنَا بِهِۦۖ وَٱعۡفُ عَنَّا وَٱغۡفِرۡ لَنَا وَٱرۡحَمۡنَآۚ أَنتَ مَوۡلَىٰنَا فَٱنصُرۡنَا عَلَى ٱلۡقَوۡمِ ٱلۡكَٰفِرِينَ

Алыхьым зы псэми трилъхьэкъым, хуэшэчыным нэхъыбэ, абы къилэжьар лъысыжынущи, къилэжьари къытехуэжынущ. Уэ ди Тхьэ, тщыгъупщамэ е дыщыуамэ бэлыхь къыттомылъхьэ. Уэ ди Тхьэ, ди япэкIэ щыIахэм ятелъа гугъуехьым хуэдэ къыттомылъхьэ. Уэ ди Тхьэ, тхуэмылъэкIыни къыттомылъхьэ. Къытхуэгъэгъу, укъытхуэмыткIий, гущIэгъу къытхуэщI, Уэращ къытщхьэщыжыну диIэр, джаур гупми датекIуэну къыддэIэпыкъу. info
التفاسير: