ការបកប្រែអត្ថន័យនៃគម្ពីរគួរអាន - ការបកប្រែជាភាសាស៊ឺក - មជ្ឈមណ្ឌលបកប្រែរ៉ូវ៉ាទ

លេខ​ទំព័រ:close

external-link copy
116 : 3

إِنَّ ٱلَّذِينَ كَفَرُواْ لَن تُغۡنِيَ عَنۡهُمۡ أَمۡوَٰلُهُمۡ وَلَآ أَوۡلَٰدُهُم مِّنَ ٱللَّهِ شَيۡـٔٗاۖ وَأُوْلَٰٓئِكَ أَصۡحَٰبُ ٱلنَّارِۖ هُمۡ فِيهَا خَٰلِدُونَ

Джаурхэм я мылъкухэми, я бынхэми зыри къыхуащIэнукъым Алыхьым и пащхьэ, ахэр мафIэм хэхуэнухэщи игъащIэкIэ абы къыхэнэнухэщ. info
التفاسير: |

external-link copy
117 : 3

مَثَلُ مَا يُنفِقُونَ فِي هَٰذِهِ ٱلۡحَيَوٰةِ ٱلدُّنۡيَا كَمَثَلِ رِيحٖ فِيهَا صِرٌّ أَصَابَتۡ حَرۡثَ قَوۡمٖ ظَلَمُوٓاْ أَنفُسَهُمۡ فَأَهۡلَكَتۡهُۚ وَمَا ظَلَمَهُمُ ٱللَّهُ وَلَٰكِنۡ أَنفُسَهُمۡ يَظۡلِمُونَ

Абыхэм мы дунейм ятым и щапхъэр хуэдэщ жьыбгъэ уае къэзыхьым, ар цIыху зи щхьэ залымыгъэ езыхьэлIахэм я хасэхэм теуэри игъэкIуэдащ, абыхэм Алыхьым залымыгъэ ярихьэлIауэ аракъым, атIэ езыхэм я щхьэ залымыгъэ иращIылIащ. info
التفاسير: |

external-link copy
118 : 3

يَٰٓأَيُّهَا ٱلَّذِينَ ءَامَنُواْ لَا تَتَّخِذُواْ بِطَانَةٗ مِّن دُونِكُمۡ لَا يَأۡلُونَكُمۡ خَبَالٗا وَدُّواْ مَا عَنِتُّمۡ قَدۡ بَدَتِ ٱلۡبَغۡضَآءُ مِنۡ أَفۡوَٰهِهِمۡ وَمَا تُخۡفِي صُدُورُهُمۡ أَكۡبَرُۚ قَدۡ بَيَّنَّا لَكُمُ ٱلۡأٓيَٰتِۖ إِن كُنتُمۡ تَعۡقِلُونَ

Уэ Iиман къэзыхьахэ, дэIэпыкъуэгъу (е ныбжьэгъу) фымыщIхэ фэ фщымыщхэр. Абыхэм зэран къыфхуэхъуну Iэмал къагъанэкъым, фи гугъуехьми щогуфIыкIхэр. Ахэр къыфтеплъэ зэрымыхъур я бзэхэмкIэ къыжаIащ, ауэ ягухэм илъыр нэхъыбэжщ. Нэщэнэхэр фхуэдубзыщIащ, зыгуэр къывгурыIуэу щытмэ. info
التفاسير: |

external-link copy
119 : 3

هَٰٓأَنتُمۡ أُوْلَآءِ تُحِبُّونَهُمۡ وَلَا يُحِبُّونَكُمۡ وَتُؤۡمِنُونَ بِٱلۡكِتَٰبِ كُلِّهِۦ وَإِذَا لَقُوكُمۡ قَالُوٓاْ ءَامَنَّا وَإِذَا خَلَوۡاْ عَضُّواْ عَلَيۡكُمُ ٱلۡأَنَامِلَ مِنَ ٱلۡغَيۡظِۚ قُلۡ مُوتُواْ بِغَيۡظِكُمۡۗ إِنَّ ٱللَّهَ عَلِيمُۢ بِذَاتِ ٱلصُّدُورِ

Мис фэ ахэр фIыуэ фолъагъухэр, ауэ езыхэм фIыуэ фыкъалъагъукъым, фэ Тхылъри зэрыщыту фи фIэщ мэхъур. Фэ къыщыфхуэзэхэкIэ: "Iиман къэтхьащ," - жаIэр. Ауэ я закъуэхэу къыщынэхэкIэ, я Iэпхъуамбэ кIапэхэм йодзэгъухэр, фалъагъу зэрымыхъум къыхэкIыу. ЯжеIэ: "Флъагъу мыхъуным филIыкIхэ! Алыхьым ещIэр гухэм илъыр". info
التفاسير: |

external-link copy
120 : 3

إِن تَمۡسَسۡكُمۡ حَسَنَةٞ تَسُؤۡهُمۡ وَإِن تُصِبۡكُمۡ سَيِّئَةٞ يَفۡرَحُواْ بِهَاۖ وَإِن تَصۡبِرُواْ وَتَتَّقُواْ لَا يَضُرُّكُمۡ كَيۡدُهُمۡ شَيۡـًٔاۗ إِنَّ ٱللَّهَ بِمَا يَعۡمَلُونَ مُحِيطٞ

ФIы гуэр къывэхъулIамэ, ар ягу къоуэр. Iей гуэрэ къывэхъулIэмэ, абы ирогуфIэхэр. Ауэ шэчыныгъэ зыхэвгъэлъу, тхьэшынагъуэ фиIэмэ, я хьилагъэхэм зыри къыващIэнукъым. Алыхьым ипэжыпIэкIэ абыхэм ящIэхэр и щIэныгъэм зэщIеубыдэр. info
التفاسير: |

external-link copy
121 : 3

وَإِذۡ غَدَوۡتَ مِنۡ أَهۡلِكَ تُبَوِّئُ ٱلۡمُؤۡمِنِينَ مَقَٰعِدَ لِلۡقِتَالِۗ وَٱللَّهُ سَمِيعٌ عَلِيمٌ

Пщэдджыжьым уи унагъуэм уакъыхэкIат мыIуминхэм я щIыпIэ здэзэуэнухэр ябгъэлъагъуну, Алыхьри Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ. info
التفاسير: |